АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖЬХЭР

 

литературно-художественное издание
"Адыгэ псалъэжьхэр",
составители Гукемух А.М., Кардангушев З.П.

 

*Нэмысым насып къыдокIуэ*
*Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ*
*Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.Iейми, уэуейр нэхъыфIщ*
*АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ*
*Нэмыс пщIымэ, уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр*
*Фызым езауэр фызщ*
*ФIы щIэи, псым хэдзэ*
*Щхьэр псомэ, пыIэ щыщIэркъым*
*Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым*
*Пагэр мэгыз*
*ЩIэм дэжьи, жьым дэшхэ*
*Дунейр чэзущ*
*Псапэ куэд хъуркъым*
*Шущыр щэ мэчэнджащэ*
*Ебгъэлеймэ - къыреху*
*Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж*
*Гу нэхъ жэр щаIэркъым*
*Зэгуэс нэхърэ зэгъуэт*
*Узым здэбгъэшмэ, узыIэпешэ*
*ПцIищэ нэхърэ зы пэж*
*Зэхэпх псори пэжкъым, жаIэ псори къэхъуркъым*
*Уи анэ къыбжиIэм едэIу, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ*
*Уемызэш, умышыни лIы ухъунщ*
*Делэм уи пыIэ ети блэкI*
*Хабзэм къемызэгъыр и бийщ*
*Къэбублэр хабзэщ*
*Сакъ и анэ гъыркъым*
*Гур жьы хъуркъым*
*Жыг закъуэ жьым щошынэ*
Используются технологии uCoz