|
Хьэбэз
районыр
Хэку зауэ Иным |
|
Хьэбэз районым и колхозхэтхэм унафэ ящIащ "Хьэбэз
колхозхэтхэр" фIэщыгъэцIэ иIэу кхъухьлъатэ гуп егъэщIыным теухуауэ.
Абы папщIэ ахъшэ Iэрылъхьэу сом мин 300 къыхадзащ, сом 1 мелуан и уасэ
облигацэм Iэпэ щIадзащ.
|
| Фронтым, ТекIуэныгъэм щыпкъэу зэрыхуэлэжьам папщIэ 1943 гъэм партым и
крайкомым и ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ Шыбзыхъуэ Щам Исхьэкъ и пхъум-"Краснэ Жако" колхозым и жэмышым. Джео Зэчрей Угъурлы и къуэм-ЛенинкIэ зэджэ колхозым и шыхъуэм. Абыдэ Iэюб Хьэрун и къуэм-АндреевкIэ зэджэ колхозым и лэгъупэ-жьым. Амирокъуэ Мухьэз Мусэ и къуэм-ВоробьевкIэ зэджэ колхозым и Iэхъуэм. Къардэн Сэхьид Хьисэ и пхъум-ШтейнгардткIэ зэджэ колхозым и лэгъуэпэжьым. |
|
Зауэм
хэкIуэдащ: |
|
Али-Бэрдыкъуэ
къуажэдэсхэм |
|
Елбыргъэн
къуажэдэсхэм |
|
Куэш-Хьэблэ
къуажэдэсхэм |
|
ПсэукIэ
Дахэ къуажэдэсхэм
Абдокъуэхэ Хьэжбэчыррэ Хурэрэ я къуитху. Темырхэ Екъубрэ КIунэрэ я къуищ. Жылэшх Къэхъун и къуищ. |
|
Хъумэрэнц1ык1у
къуажэдэсхэм
Дыгъужьхэ Тамбийрэ КулIэдэмрэ я къуищ. Ещэрхэ Къурмэн-Алийрэ Янэрэ я къуищ. |
|
Абазакт
къуажэдэсхэм
Агыр Хьэжмэт и къуиплI. КIушпIэ НэIиб и къуищри езыри хэкIуэдащ. |
|
Беслъэней
къуажэдэсхэм
Тымыжьхэ Мыхьэмэтрэ Синэхурэ я къуищ. Уэхъутэ Сэлихьрэ Хьэнифэрэ я къуищ. ХэкIуэдахэм я процент 68-р щIалэ къэмышэхэт. |
|
Хьэбэз районым и фэеплъ
тхылъым къитхащ. |