Уадыгэну
сыт иуасэ!
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшынальэу,
Уи адэжьхэм я бзэ урипсальэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыугъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпахыу-
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
Уи къур лъапIэ псынэпс къыщкъуалъэр
Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,
Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу,
Мо Iуащхьэмахи къыбдалъагъуу-
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
Уи нэмыс уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэлэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
Узэпсэлъар,
УщIэпсэлъар пщIэжу,
Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу-
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым
Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,
УщIэучтэжыни къыпхуимыхуэу,
Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу-
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
Хым уигу щIэгъуу-
Зэхэпхамэ пIэууэ,
УзэрылIэжынур
Зэгуэр пщIэуэ,
Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,
ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ-
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
Зэ уадыгэну сыт иуасэ!
|
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,-
Абы екъутер цIыхум и щэн-хьэлыр.
Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.
ИгъащIэкIэ ди зэман ерум,
ХуэнщIей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм
Адыгэ цIыхури мэхъ кIуэпэтми жьгъей.
Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр,
ЩхьэхуэфI гухэлъым ар иронэщхъей,
Лъэпкъ кIуэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.
Ди щIэблэр едэIужкъым къэзылъхуам,
Еплъыжкъым ди цIыхубзхэр я нэмысым
Фадэм и пщылIыпIэ зэрыхуам
Ди щIалэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.
Iыхьлыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъкущ,
ЦIыху уасэр къызэрабжыр и лэжьапIэрщ,
Iиманыншагъэр ямыщIыж емыкIу,
Нэмыплъи хуамыщIыж зимыIэ напэ.
ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн,
Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,
ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн,
Адыгэ щIыхьыр пфIыхаутэ ятIэм.
Апхуэдэу щыхъукIэ, лъэпкъ ягъэпудам
ДэщIыну зи гум къэкIыр зырызыхэт,
Хэт илъэс кIуахэм игу ираудащ,
Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыхэ.
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу,
Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
Ди гъащIэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку,
Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхыпIэ,
НэщIэбжьэ куэдхэр щIагъэкIащ и нэгу.
Ди лъэпкъ бэшэчу лIыхъужьыгъэ зи бэм.
И тхыдэ кIыхьу къызэринэкIам.
Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэрылъхьэпIэ,
Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щIэльхьэпIэ,
Ибыну хамэ Iэщэм къиукIар
Къэхъуащ монголхэм ар щапэщIэта,
Зы фэбжь кърахмэ, щащIэу ярихыжу,
ГуIэжу Лабэ Iуфэ щыIутам,
Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу.
АрщхьэкIэ, хуэмызами сыт махуей,
И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей,
Яхуэувакъым ар лъагуажьэмыщхьэу.
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуным къикIыр,
Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщыжам зи гугъу,
И напэ къэс унэджысынырщ и кIэм,
Ирехъу гуфIэгъуэ е гухэщI ирехъу,
Абы ухущытынырщ ухуэфащэу,
Уи напэм ену уи гур хурырегъу,
Уи махуэ къэсыхуи цIыхугъэ бащэу,
Уадыгэныр мыгурыфI - гурей,
Зи уэлиигъуэм фIэфIмэ - улъэпкъыпсэу.
Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр,
IэщIыб пщIыжыну уи анэдэлъхубзэр,
ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI,
Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ,
Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ -
Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ.
|
|