Жьакуэ-на-ЛампIу

(Жъакуэ гушыIэхэм пэджэжу)


Жьакуэ лъамыжым узэрижу
Ухозэ ЛампIуупс,
Ар Инжыдж ЦIыкIум къыхэмыжу
ЖзыIэм пцIы еупс.

А псым хъыбару хузэблахым
ИмыIэ гъунэ гуэр:
ЗэрыжаIэжымкIэ ди лъахэм
Итакъым нехъ псы уэр.

Тенджыз кхъухьыжьхэм я зукIуапIэу
Щытащ ЛампIу зэгуэр
ИкIи жаIэжыр кхъухьтедзапIэу
ЦIэрыIуэ хъуат Жьакуэр.

А ЛампIыу хэмыс щымыIэт:
Акъ, алэрыбгъу, къуэлэн...
Къуэбыди джейхэр щыгушыIэт,
КъикIауэ я делэн.

Хы гъуэгу алыджхэм хухэзышу
Жьакуэт Ясонхэ кIуар,
Алыдж пащтыхьым ипхъу фызышэу
Къишэну езыкIуар.

Жьакуэхэрауэ жаIэ япэу
Америкэм кIуэфар,
Индеец вождьхэр езыгъафэу
КIэртIоф къафIэзышар.

ИкIи апхуэдэу псэуф къуажэр
КъыфIэщIу игъэпуд,
КъытекIуэри зэгуэрым и жьэр
ЖиIати "Жьакуэ Уд".

А цIэр зэрахьэ иригушхуэу,
Зым и дзи Iуимыуд:
Мэпсэу КъандрыджкIэ тIэкIу лъапащхьэу,-
Ижар зэгуреуд!

Ауэ блэкIащ и зэманыгъуэр,
ЛампIууи цIыкIу хъужащ,
Къытримыхуэжу хыщхьэ пшагъуэр,
Жьакуэми зихъуэжащ.

Иджы Iугъуалъхьэу псы цIыкIу Iуфэм
Зэгуэр хэфар ЛампIу,
Хьэлэлу, щIэлъу анэ бгъафэм
Ефауэ ябж пIапIу.

ЛампIу хэфар лIыхъужь мэхъу зэуэ:
Китайхэр щатеуам,
Къаудыныхьри дыхьар зэуэ,
Уэрей къдахужам!

Зыгур иджыри къысщыгъыпщэу
Сигу игъуэу къэкIыжащ.
Зи гугъу сщIыр зыми хэмыгъуащэ
Жьакуэ Наплошыращ.

АтIэ абы Амфитеатр
ЖаIэж зэритыгъар
АрщхьэкIэ, чэфу, шэсри трактор
Ар икъу тащ Мыхъутар.

Иджы наплошыр хуит хъужащи,
Ухуеймэ топ щыджэгу.
Ауэ жьакуэхэр къэгубжьауэ,
Жьакуащхьэ даш гъущI гъуэгу.


 

Используются технологии uCoz