АДЫГЭ шхыныгъуэхэр

Адыгэ шхыныгъуэхэм тепсэлъыхьу "Черкес Хэку" газетым мазаем (февралым) и 28-м Шэрджэс Алий и тхыгъэ тетам хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэну седжащ. Алий итх псори тэрэзщ, зы псалъэ хэб-дзынуи хэлъкъым. Абы дэтхэнэ зыри еджапхъэщ. Ди адыгэ шхыныгъуэхэр иджы щащIыр гуфIэгъуэм е сэдэкъэхэм дежщ.
АдреймкIэ, гузэвэгъуэ-кIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэмкIэ зэфIа-гъэкI. Тхьэм ирещIи, куэд-къым мырамысэ, пIастэ, чыржын зыщIхэр. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIыр? Сызэрегуп-сысымкIэ, абы щхьэусы-гъуэ хуэхъур - адыгэ шхыныгъуэхэр щIыным зэман куэд зэрихьырщ. Къэтщтэнщ хьэлыуэ, махъсымэ, къэлътамэ жыхуиIэхэр. Ахэр хьэгъуэлIыгъуэ шхынхэщ.
Тхыгъэм деж Алий щыщIоупщIэ "Адыгэ шхыныгъуэхэр ищIыфу къуажэхэм куэд дэсыжу пIэрэ?" жеIэри. Абы куэдым урегъэгупсыс.
Пэжщ, ди шхыны- гъуэхэр зыщIыфу куэд бгъуэтыжынукъым. Ахэр зэращIри ящыгъупщэжынут жыхуэтIэ-хэр зэрыт тхылъ хьэлэмэтыр къыдэмы-кIатэмэ. ГъащIэ кIыхь Тхьэм ищI Мэрчан Угъурлы. Абы 1992 гъэм "Черкесская кухня" фIэщыгъэцIэр иIэу тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ. Игъуэт а тхылъ гъэщIэгъуэ-ныр нэхъри нэхъыбэ иту иджыри зэ къыдэкIыжатэмэ.
Ди лъэпкъ шхыныны- гъуэхэр зыIухуа дэтхэнэри къыщытхъуу щытащ. Iэнэм къытрагъэувэ шхын бжы-гъэр куэдт, IэфIт, къэуатт. Шхын узыншэм цIыхури узыншэу игъэпсэут, и фэр дахэ ищIт, къару хилъхьэт. Аращ адыгэ лъэпкъыр дунейм щыцIэрыIуэу, дахэу щIыщытари.
Дауэрэ къегъэжьэжа хъуну атIэ адыгэ шхыны-гъуэхэр нэхъыбэу яупщэ-фIу? Абы и жэуапу къыдо-лъытэ къуажэхэм "Хэт нэхъ шхыныгъуэ IэфI ищIрэ?" фIэщыгъэцIэр иIэу зэпеуэ щегъэкIуэкIын хуейуэ. Зэ-гуэрым апхуэдэхэр екIуэ-кIыу щытащ, ауэ куэд щIащи ирагъэкIуэкIыжкъым. АбыкIэ къуажэ администрацэхэр дэIэпыкъуэгъу хъун хуейщ. Абы хэтыпхъэщ унэгуащэхэр, нысащIэхэр, щIалэгъуалэр.
Иджы тIэкIу сытепсэ-лъыхьыну сыхуейт тучанхэм къыдащэ щIакхъуэм. Мыбы фыкъызэреджэу, зэуэ фи нэгу къыщIэхьауэ къыщIэкIынщ зэпкърыщэщу икIи пхуэмыупщIатэу ахэр зэрыщытыр. Пэжщ, угузавэмэ къыбощэху мыхъумэ, адыгэ щакхъуэ бгъэжьэжынкIэ илажьэр сыт?
Си тхыгъэмкIэ бзылъхугъэ щIалэхэр къыхуезджэну сыхуейт адыгэ шхыныгъуэхэр ящIыфу зрагъэ-сэну. Апхуэдэщ джэдлыбжьэ, хъынкIэл, тхъущIэж, хьэнтхъупс, матэкхъуей, хьэкъурт, махъсымэ, мэжаджэ, чыржын, тхьэм-щIыгъуныбэ, жэрумэ, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, нэгъуэщIхэри. ЩIалэгъуа-лэм щыщу абыхэм я теплъэ къудейри нэхъыбэм ямыщIэнкIи хъунщ.
Тхьэгъэпсэу псалъэ жесIэну сыхуейт Шэрджэс Алий мы Iуэхум зэрытеп-сэлъыхьамкIэ. Сыхуейщ си лъэпкъэгъухэми я Iэнэми адыгэ шхыныгъуэхэр темы-кIыну.

ГЪУЭЩОКЪУЭ Мурзият.
Хьэбэз къуажэ.
Используются технологии uCoz