Хьэбэз районыр
Хэку зауэ Иным
Хьэбэз районым и колхозхэтхэм унафэ ящIащ "Хьэбэз колхозхэтхэр" фIэщыгъэцIэ иIэу кхъухьлъатэ гуп егъэщIыным теухуауэ. Абы папщIэ ахъшэ Iэрылъхьэу сом мин 300 къыхадзащ, сом 1 мелуан и уасэ облигацэм Iэпэ щIадзащ.


1941 гъэм фокIадэ (октябрь) мазэм и 27 ехъулIэу Дзэ Плъыжьым папщIэ районым и гуащIэрыпсэухэм зэхуахьэсащ щIакIуэу 28-рэ, кIагуэ хуабэу 48-рэ, цыуэ килограмм 1700-рэ, мэлыфэу 519-рэ. Зы мазэ нэхъ темыкIыу аргуэру зэхуахьэсащ мэлыфэу 660, цыуэ килограмм 708-рэ, щIакIуэу 38.


1942 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м ВКП(б)-м и Хьэбэз райкомым и бюром къищта унафэмкIэ гуащIэрыпсэухэм сом 8833085-рэ и уасэ облигацэм Iэпэ щIадзащ. ШтейнгардткIэ зэджэ (Куэш-Хьэблэ) колхозым и унафэщI Къантемыр ТIалиб сом 6000-кIэ абы Iэпэ щIидзащ, ахъшэри Iэрылъхьэу къитащ.


Нэмыцэхэм зэхакъута Сталинград зэфIэгъэувэжынымкIэ дэIэпыкъушхуэ хъуащ районым и гуащIэрыпсэухэр. Зэхуахьэсри ягъэкIуащ сом мин 525-рэ. Абы папщIэ Верховнэ Главнокомандующэ Сталин И. хъуэхъу телеграммэ къахуигъэкIуащ районым и гуащIэрыпсэухэм.

Фронтым, ТекIуэныгъэм щыпкъэу зэрыхуэлэжьам папщIэ 1943 гъэм партым и крайкомым и ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ
Шыбзыхъуэ Щам Исхьэкъ и пхъум-"Краснэ Жако" колхозым и жэмышым.
Джео Зэчрей Угъурлы и къуэм-ЛенинкIэ зэджэ колхозым и шыхъуэм.
Абыдэ Iэюб Хьэрун и къуэм-АндреевкIэ зэджэ колхозым и лэгъупэ-жьым.
Амирокъуэ Мухьэз Мусэ и къуэм-ВоробьевкIэ зэджэ колхозым и Iэхъуэм.
Къардэн Сэхьид Хьисэ и пхъум-ШтейнгардткIэ зэджэ колхозым и лэгъуэпэжьым.

Зауэм хэкIуэдащ:
Жьакуэ къужэдэсхэм

Мамхэгъхэ Лъостэнбийрэ Къентатрэ я къуищ.
Хъупсырокъуэхэ Аслъэнрэ Дахэрэ я къуищ.
Дэбагъуэхэ Мырзэбэчрэ МыIуми- натрэ я къуищ.

Али-Бэрдыкъуэ къуажэдэсхэм
ЛIымахухэ Исуфрэ КIуцэрэ я къуитху.
Дзэмыхьхэ Хьэтымрэ Лянэрэ я къуиплI.
Къуршэхэ Ибрэхьимрэ ФатIимэтрэ я къуитщ.
Жухэ Бэчмырзэрэ Хуцэрэ я къуищ.
Аслъэныкъуэхэ Екъубрэ Дахэрэ я къуищ.
Вэпсынэхэ Къазбулэтрэ Нащхъуэрэ я къуищ.
Жантемырхэ Нанурэ Хьэбидэтрэ я къуищ.

Елбыргъэн къуажэдэсхэм
Абазэхэ Екъубрэ Хъанэрэ я къуищ.
КушпIэхэ Сэлихьрэ Жансэрейрэ я къуищ.

Куэш-Хьэблэ къуажэдэсхэм
Гундэхъу Шухьэиб и къуищ.

ПсэукIэ Дахэ къуажэдэсхэм
Абдокъуэхэ Хьэжбэчыррэ Хурэрэ я къуитху.
Темырхэ Екъубрэ КIунэрэ я къуищ.
Жылэшх Къэхъун и къуищ.
Хъумэрэнц1ык1у къуажэдэсхэм
Дыгъужьхэ Тамбийрэ КулIэдэмрэ я къуищ.
Ещэрхэ Къурмэн-Алийрэ Янэрэ я къуищ.
Абазакт къуажэдэсхэм
Агыр Хьэжмэт и къуиплI.
КIушпIэ НэIиб и къуищри езыри хэкIуэдащ.
Беслъэней къуажэдэсхэм
Тымыжьхэ Мыхьэмэтрэ Синэхурэ я къуищ.
Уэхъутэ Сэлихьрэ Хьэнифэрэ я къуищ.
ХэкIуэдахэм я процент 68-р щIалэ къэмышэхэт.
Хьэбэз районым и фэеплъ
тхылъым къитхащ.
Используются технологии uCoz