Маргъын и шабзэ

 

 
 

ЛIыжь-фызыжьым я къуэ закъуэр апхуэдизкIэ шэрыуэти, езыхэр зыщыпсэу Маргъын жылэм иукIмэ, и шабзэшэр Маргъыныш и щIыналъэ пхыдзам нэст. Иджы а щIалэм зы жэщ гуэрым пщIыхьэпIэ илъэгъуащ, мазэр и лъапагъымкIэ къыщыту, езыр гъуэлъыпIэм илърэ вагъуэр и гущIыIум къыщыджэгуу. Нэху щыри и шцIыхьэпIэр и анэ-адэм яхуиIуэтэжа щхьэкIэ, "хъер ухъу" жэуэ къыжраIакъым. Апхуэдэу жэщищкIэ зэкIэлъхьэпыту а пщIыхьэпIэ дыдэр илъэгъуащ. ПщэдджыжьищкIи ар дыдэр къэзылъхуахэм яхуиIуэтэжащ щIалэм. Ауэ "хъер ухъуI" лъэпкъ къажьэдэкIтэкъыми, и гум щIыхьэри, ещанэ пщэдджыжьым щIалэр ежьащ, и насыпыр къилъыхъуну.
Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа? Губгъуэшхуэ гуэрым ихьауэ плъэри, вэрэвийкIэ зы лIы фIыцIэжь гуэрым
щIыгур ивэу, вагъэбдзумэу къызэригьэдзэкIыр зыжьэдилъафэмэ игъэныщкIуу, IэфIу щIэлъыр къыщIифыкI-мэ къызжьэдидзыжу илъэпьуащ.
Бэв апщий, щIалэфI Уэлэхьэ, си гъащIэм мыпхуэдэу гъэщIэгъуэн, иджы мыхъумэ, сыхуэмызаI - бгъэдыхьащ абы пщIыхьэпIэм иришэжьа щIалэр. Усыт хуэдэ цIыху лъэпкъ уэ?
Мышхэф и къуэ Шхэрей жыхуаIэр сэращI - жэуап къитащ лIы фIыцIэ абрагъуэм. - Хьэуэ, ар зыкIи гъэщIэгъуэнкъым, - и щхьэр игъэкIэрэхъуащ Шхэрей. - ГъэшIэгъуэн ухуеймэ, гъэщIэгъуэныр Маргъын иукIыу Маргъыныш зи шабзэр нэзгьэсаращ.
АтIэ, ар зыхузэфIэкIар сэращ, - жэуап иритащ щIалэм-
- АтIэ, - ашцыгъуэ дэнэ укIуэми сыуигьусэщI -
къэгуфIащ лIы фIыцIэр, пхъэIэщэм выхэр къыщIигъэхури губгъуэм ириутIыпщхьэжащ, абы нэхъ хэмылъу Маргъын щыщ IэфIауэм гъусэ зыхуищIащ.
ЛIы фIыцIэмрэ щIалэмрэ зэщIыгъуу ежьащ. Къущхьэхъубг заул зэпачауэ, джабэ нэкIум дырекIуэкIым, плъэри зы щIалэ къалъэгъуащ, и ныбафэм IэкIэ еуэжмэ, зэкIуэцIыуду дыхьэшхыу. Гъусэ зэхуэхъуагъитIыр бгъэдыхьэри я фIэхъусыр ирахащ икIи еупщIахэщ:
- Мыр сыт гъэщIэгъуэн? Зыдоплъыхьри, уэр
фIэгъэкIауэ мы Iэгъуэблагъэм зы нэрыбгэ итлъагъуэкъым.
УзэкIуэцIычу удыхьэшхыу хъумпIэцIэджыгъуэм ущIыбгъэдэлъым и щхьэусыгъуэр сыт?
- МыдаIуэф и къуэ ДаIуэрей жыхуаIэри сэращI -
къызэфIэтIысхьащ щIалэжьыр. - Мы дунейм хьэкIэкхъуэкIэу, хьэпщхупщу тетым я бзэр соцIыху. СыщIэдыхьэшхри вжесIэнщ. Нобэ хъумпIэцIэдж быныр зэхокIри, я фэндхэр зэрагьэгуэшкъым - хуабжьу дыхьэшхэну зэдауэурэ мыхъумыщIэ куэд зэрапэсри аращ.
Маргъын къиукIыу Маргьыныш зи шабзэр нэсам ари фIэтелъыджэ хъуащ:
- Уэлэхьэ, апхуэдэ гъэщIэгьуэн си гъащIэм сыпэщIэмыхуаI
- Ар зыкIи гъэщIэгьуэнкъым, - щIэдыхьэшхыкIащ
ДаIуэрей. - ГъэщIэгъуэн ухуеймэ, гъэщIэгъуэныр Маргъын иукIыу Маргьыныш зи шабзэр нэзгъэсу хъаным и пхъум пилъа мастэр къыфIэзударащI
- АтIэ, ар сэращI - абыи зыхуиумысыжащ IэфIа-
уэм.
- Уэлэхьэ, абы щыгьуэм дэнэкIэ фыкIуэми сыви-
гъуэгуэгъукIэI - жиIэри ДаIуэрей къызэфIэуващ, къри-
хьэлIа гьуэгурыкIуитIми ещанэу загуидзэри ежьащ. Здз-
кIуэхэм иджы къыхуэза тIури пщIыхьэпIэ зылъэгъуа
шIалэм зэреджэхэр МаргьынкIэт, къыздикIа жылэм и
хьэтыркIэ.
Куэдрэ кIуахэ, машIэрэ кIуахэ? Сытми къущхьэ-хъуитI хуэдиз зэпачауэ, мэз лъапэ гуэрым деж зылI щри-хьэлIахэщ, зы фоч иIыгъыу щыту. Ар уафэгум ит бгьэм хуигъэпст, еуэти, еуэхукIи зы къабзий къыхиудт, а къы-хиудар къыздехуэхым аргуэру еуэжти, тIууэ зэпигъэ-лыгъукIт
- Iэу, нэхъри нэхъ гъэпЦэгьуэныжу, телъыджэ
лажьэу дызэрихьэлIар мыращ, атIанэI - жиIащ Маргъын,
щакIуэм и Iэр иубыдщ, "пшэрыхь апщийI" жиIэри фIэ-
хъус ирихыурэ.
- Ар зыкIи гъэшIэгьуэнкъымI - идакъым ща-
кIуэм. - ГъэпЦэгьуэн ухуеймэ, гъэщIэгъуэныр Маргъын
иукIыу, Маргьыныш нэусу хъаным и пхъум пригьэлъа
мастэр къыфIэзударащ, Сэ зэхэсхащ ар зыхузэфIэкIар
яхуэкIуэмэ, хъаным и пхъур къратыну.
- АтIэ, ар сэращI - жэуап иритащ Маргъын.
- АпщыгъуэкIэ, дэнэ укIуэми сыуигьусэщI -
жиIащ щакIуэм, и фочыжьыр и щIыбым ирилъхьэжурэ.- ДызэрывгъэцIыху: Мыуэф и къуэ Уэрей жыхуаIэр сэ-ращ. СывиеплIанэщ.
Мэзьш хэтурэ плIыри зыкъомрэ кIуауэ, IэплIакIуищ хъу жыгейр къричмэ, щхьэкIэкIэ хисэжу, зы пелуан Iууахэщ.
- Ухэт уэ? Ди гъащIэм уэ пхуэдэу цIыху лъэщ
дрихьэлIакъым.
- Мыбэнэф и къуэ Бэнэрей жыхуаIэр сэращI -
пелуаным и макъ гъумыщIэр къэIуащ. - Ауэ сэ су-
мыгъэщIагъуэ, гъэщIэгъуэну зыри скIэрылъкъым. ГъэщIэ-
гъуэн фыхуеймэ, гъэщIэгъуэныр Маргъын иукIыу
Маргъыныш нэусу, хъаным и пхъум пригьэлъа мастэр
зи шабзэпэкIэ къыфIэзудауэ ямыгьуэтыжращ.

- АтIэ, ар сэращI - зиумысыжащ Маргъын щыщ
щIалэм. Мыбэнэф и къуэ Бэнэрей гъусэ къахуэхъури,
адэкIэ ежьэжахэщ.
Жэщищ-махуищ хуэдизкIэ кIуахэу, зы щIалэ гуэрым хуэзащ, бгы пэнтIыкъым и щхьэм фийуэ тету. Маргъын абы" бгъэдыхьэри еушцIащ:
- Мы нам къиплъыхьым уэр нэгъуэщI зы цIыхупсэ
ислъагъуэкъым. Уэ узэфийри хэт? Уэ езыр ухэт?
- Мыплъэф и къуэ Плъэрей жыхуаIэр сэращI -
щIэгуфIыкIащ шIалэр. - Сызэфийри моддэ, мо бгы
фIыцIэм ибгъукIэ ирекIуэкI нэжьгъущIыдзэ фызыжь
цIыкIуращ. СыщIефийр и IэлъэщIым хэлъ мастэр къы-
хохури абы гу лъезгьэтэн щхьэкIэщ.
АтIэ, зи шцэ умыкIуэжыну телъыджэ лажьэ жыхуа-Iэр аращI - и щхьэр игъэкIэрэхъуащ Маргъын.
- Маргъын иукIыу Маргъыныш нэусам еплъытмэ,
абы гъэщIэгъуэну зыри хэлъкъымI - идакъым Мыплъэф
и къуэ Плъэрей.
- АтIэ, ар зыхузэфIэкIар сэращ, - зригъэыIыхуащ
Маргъыни.
- АгацыгьуэкIэ, дэнэ укIуэми уи лъэмбым ситыну
си тхьэлъанэщI - жиIэри гупым и ужь Мыплъэф и къуэ
Плъэрей къиуващ
Тафэшхуэм техьауэ гупыр здэкIуэм, зы щIалэ гуэрым IущIахэщ, и лъакъуэ лъэныкъуэр и кIэпкъым дэлъу,
тхьэкIумэкIыхьищэ зэхуихусауэ.
Маргъын тхьэкIумэкIыхь зэхуэзыхуса щIалэм бгъэдыхьэри, ари зыхэтымкIэ щIэупщIащ.
- Мыжэф и къуэ Жэрей жыхуаIэр сэращ. Ауэ сэ
сыщIэбгъэщIэгъуэн щыIэкъым, Маргъын иукIыу Маргъы
ныш нэусу мастэр къыпызудауэ, зи щхьэр дымылъа-
гъуурэ зи гугъум дигъалIэм елъытауэI - жиIащ Мыжэф
и къуэ Жэрей, и кIэпкъым дэлъ лъакъуэр къыдихыжурэ.

ЕупщIа щIалэр зыхуэдэр къыщищIэм, и тхьэкIумэкIыхь-хэри щыгъупщэжри, гъусэ закъыхуищIащ.
Нэрыбгиблри зэгьусэу зы къуажэ г.уэрым нэсри тIэкIу загъэпсэхуа нэужь, гу лъатащ цIыхуцIэ зиIэр щхьэхьу зыщIыпIэ гузэвэгъуэкIэ зэрызэрыхьым. Зи хьэщIэ лIыжьми еушцIахэщ:
- Дэнэ, ди адэ, цIыхухэр апхуэдизу гузэвэгъуэкIэ
здэкIуэр?
- Хъаным и пхъур лIы ират. Ауэ махуэ зыбжанэ
хъуауэ зыми хуэгъэзащIэкъым абы щауэхэм къапиубыд-
хэр.

- Сыт алхуэдизу къапиубыдхэр? - щIэупщIащ
щIалэхэр.
- Хъаным иIэщ шхакIуэ, абы шхэнкIэ утекIуэн
хуейщ. Шэщ бэнакIуэ, ари ибудын хуейщ. ХьэкIэкхъуэкIэ-
хэмрэ хьэпщхугацхэмрэ я бзэ зыщIэ иIэщи, хъаным Iуэм
къригъэкI хьэкIэкхъуэкIэхэр къэбгъэдаIуэу, ибгъэхьэжын
хуейщ. Уафэгум бгъэ ираутIышцхьэнущи, улIмэ еуи къеу-
дыхI Я фочауэ Iэзэми шэрыуагъкIэ утекIуэфын хуейщ.
Абы и плъакIуэм имылъагьуфри уи нэм къиубыдын
хуейщ. И жакIуэм утежыпхъэщ. Ебланэу, хъаным иIэщ
зы шабзауэ. Абы здынигъэсым уи шабзашэр нэбгъэсыф-
мэщ и пхъур къьпцыуитынур А псори зыхуэмыгъэзащIэм
я щхьэр яхупеугацIыр. Апхуэдэурэ цIыху Iэджэми я
щхьэр халъхьащ.
А псоми едэIури, Маргъынрэ и гъусэхэмрэ хъаным деж кIуэри и пщIантIэм дыхьащ. Хъаным и пхъур тахъ-тэм тесу къаплъэри, имынэIуасэ щIалиблыр къилъэ-гъуащ. Хъанри къыщIэкIри ахэр иритъэблэгъащ. ХьэщIэ-хэр къыщIыхуэкIуар къыщишIэм, лIыжьым жыхуиIа дыдэхэр къахуигъэуващ. ЩIалэхэри абыкIэ арэзы хъуащ
- Абы щыгъуэ къэвгъэув си шхакIуэм къыпеуэнырI-
унафэ ищIащ хъаным. ХывышхуитI яукIащ, зэIахщ,

лэгъуп зырызым халъхьэри, ди хъыбарыр зэредгъэжьа хуэдизрэ пымылъу тIэтIэжу ягъэващ. Лыр Iэнлъэшхуэ зырызым илъу шхакIуэхэм къыбгъэдагъэуващ. Хъаным и шхакIуэр Мышхэф'И къуэ Шхэрей къыщыдыхьэшхт. Ар-щхьэкIэ шхэн ирагъажьэри, хэгьэрейм и пащхьэм итыр зэ-хуэдитI имыщI щIыкIэ, Мышхэф и къуэ Шхэрей хывыр иублыгуащ, къупщхьэхэми щIэфыжу къэтIысыжащ. Хъаным и шхакIуэм фIэкIа хуэмыгъэкъаруужу, и нэхэр къы-щихури, гъуахъуэу зэгуэудащ. Мышхэф и къуэ Шхэрей абы къелыжари зэщIилъасэри лэпси трифыхьыжри: "Хъунщ, атIэ. ТIэкIу дызэIурыуамэ аращI АдэкIэ ди ирыскъы зыхэлъыр дгъуэтынщ" жиIэри мыарэзыуэ къэ-тэджыжащ.
Хъаным къригъэшащ и бэнакIуэр, уей, и пщэжьыр къыдэкIыкIыжауэ зы мытIырэжьт ар Утыкум къыщи-хьэм, абы еплъынур машIэфащIэт, цIыхур нэхъри Iув къэхъуащ. Утыкур псынщIэу пхъэ къурулкIэ къахухьащ, хъаным и бэнакIуэм гъуахъуэу, кхъандзэгум и Iэр щIигъэлъадэмэ, къритхъумэ цIыхум къахиутIыпщхьэу щIидзати, Мыбэнэф и къуэ Бэнэрей утыкум ихьэри, мэуэ Iэбэри мо гъуахъуэу утыкум ит пелуаным и дамэм теIэбэ-ри, IтагъэтIысыкIащ, мыдрей зы IэпхъуамбэмкIэ епыджщ,
и дзажэ налъэ щIагъым Iэпхъуамбапщэр шIигъэлъадэщ, къиIэтщ, къигъэкIэрахъуэщ-нигъэкIэрахъуэри щыхыфIи-дзэм, къурулкIэ къэхухьа утыкум щхьэпырылъэтщ, цIыху зэхэтхэм ящхьэпрыкIыжри шIыгум натIэкIэ техуэри, ар и IукIыкIэу IуигъэкIащ.
Ещанэу хъаным къриджащ и дэIуакIуэр. ИкIи Iуэм къраутIышцыкIащ хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Хъаным и дэIуакIуэм зыкъоми иригьэхьэжащ Iуэм, нэ-хъыбэр къыфIэнащ. МыдаIуэф и къуэ ДаIуэрей ираджэри, хъаным ейм иригъэхьэжахэри къришыжащ, кIэщIу и ужь итуи, езыр зэрыхуейм хуэдэу, псалъэ защIэкIэ

аргуэру псори Iуэм ириугъуеежащ. Апхуэдэу ещанэ базри ягьэзэщIащ.
Щымыхъужым, хъаным къриджащ и фочауэр. БгъитI уафэгум ириутIыпщхьэри унафэ ищIащ: "Мы бгъитIыр я фэкIэ зэщхькъым. ТIуми къабзий зырыз къыхэвудын
хуейщ".
Хъаным и фочауэр уэри, къабзий къыхухэмыуду езы бгъэр къриудыхащ. Адрейм еуэри хутегьэхуагъэххэкъым. Чэзур зейр Мыуэф и къуэ Уэрейти, аргуэру зы бгъэ уафэгум ираутIыпщхьэжащ. Мыуэф и къуэ Уэрей тригъэпсыхыц
уэри, бгъэ фIыцIэм зы къабзий къыхиудащ, а къабзийр къыздехым еуэжри, ари тIууэ зэпиудыжащ. Адрей бгьэми аращ ирипЦар.
Баз еплIанэри къахьащ.
Хъаным къэпIейтейуэ щIидзэри, унафэ ищIащ и плъакIуэр къраджэну. Ар къыщраджэм, зыми имылъа-гъуу фызыжь гуэрым зэгъалъэ фIыцIэ щрыригъэтIэгъат, IэлъэщI фIыцIэ зытрыригъэлъхьати, IэлъэщIым мастэ-пэбдз, и нэр щычауэ хригъэIуащ, кIэсу ар къущхьэхъу -бгы лъапэ яхьу къытрагъэувэну унафэ яхуищIащ. А унафэр псышпIэу ягьэзэпЦати, хъанми и плъакIуэр къри-джэри еупщIащ:
- Моддэ, жыжьэу мо бгы лъапэм сыт щIэплъагъуэр? Хъаным и плъакIуэм и нэхэр Iэпэр здаший лъэныкъуэм-кIэ плъыза нэужь, таучэл имышIыщэурэ жиIащ:
- Жыгрэ мэлрэ сщIэкъым. Ауэ зы фIыцIагъэ
кIэрытщ. Хъей хуэдэу къысщохъур.
- Иджы чэзур зейр фи плъакIуэращI - закъыхуи-
гъэзащ хъаным и ныкъуэкъуэгъухэм.
Мып.тьэф и къуэ Плъэрей Iэдакъэжьауэ ищIри, къущхьэхъу лъапэкIэ зы тэлай ириплъащ.
- IэлъэщI фIыцIэ телъу, зэгъалъэ фIыцIи щыгъыжу
зы фызыжь цIыкIу ирокIуэкII - жэуап къитащ Плъэрей
фIэщхъуныгъэ хэлъу.

- IэлъэщIым къыщIэщ щхьэфIэпхыкIым и нэр щы-
чауэ, мес, зы мастэпэбдзыжьи къыхопIиикI.
Фызыжьыр псынщIэу къынагъэсыжри, нэрылъагъу хъуащ Плъэрей зэрытекIуари Сыт ищIэжынт. хъанри абы еувэлIащ.
Апхуэдэу етхуанэрей базри къахьащ.
АдэкIэ, хъаным къриджащ и шабзэрыуэр.
- Иджы фи шабзэрыуэри къэвгъэуви я шабзэшэхэр
уафэм зэдыдрахуеинщи, зей нэхъ кIасэу къехыжыр
текIуащ
ШабзэшитI зэмыфэгьуу къахьащ. Хъаным и шабзэ-рыуэм шабзэшэ фIыцIэр ищтащ, Маргъыныш щыщ щIалэм плъыжьыр лъысащ. ТIуми зэдыдрагъэзейри я шабзэшэхэр уафапшэм хаутIыпщхьащ. Зы тэлай текIри, хъаным и шабзэрыуэм ейр къехыжри я пащхьэм зыкъыщыхисэ-жащ. Ауэ Маргъын и шабзэ плъыжьым пэплъэхэурэ пщыхьэщхьэ хъуащ. Ахъшэм вагъуэр къыщитIысхьэм ехъулIэу, хъаным и лъабжьэм фийуэ шабзэшэ плъыжьым зыкъыщыхитIэжащ. Ари еханэ Iуэхугъуэти, щIалэхэм я насыпыр текIуащ.

Ебланэрей базым хьилагьэ хуекIуэу къихьыну гу-ращэ фIей ищIащ хъаныжьым.
- Иджы къэнэжа къалэн закъуэр фхуэгъэзэщIэжмэ, сыарэзыуэ си пхъур фызотI - ней-нейуэ къахуеплъэкIащ ар Маргъын и гуп.
Зы уд фызыжь цIыкIу, лъакъуэ мастэ хъужауэ, зы кхъуэщын фIыцIэ цIыкIу и блэгущIэм щIэлъу абы къигьэ-уващ. Мыжэф и къуэ Жэрей и лъакъуэ лъэныкъуэр и кIэпкъым дигьэпщкIуэжри а фызыжь цIыкIум къыбгъу-рыуващ. Хъаным яригъэлъэгъуащ здынэсынури къыз-дагъэзэжынури.
Зэбгъурыувахэм зрачащ. Мыжэф и къуэ Жэрей лъакъуэ лъэныкъуэкIэ фызыжь цIыкIум щхьэпрыкIри жыхуаIа щIыпIэм нэсащ. "Нанэжьыр къыслъэщIыхьэху тIэкIу сыкъэщхьэукъуэнщ" жиIэри щIалэм удзыпцIэм зыхигъэукIуриящ. Уд фызыжьыр къэсмэ, щIалэр мэжейри щылъщ. Езыри зыхуеихэрати, кхъуэщыным итым щыщ тIэкIу жейуэ щылъым жьэдигъаткIуэри, кхъуэщыныр и щхьэм шIидзыжри, макIуэ-мэлъей, зыкъызэпигъэзэжауэ къокIуэж. Мыжэф и къуэ Жэрей щхъухьым зэщIиIулIэ-пащи, къэушын и гугъэхэкъым: дрихуейуэ мэпырхъ МыдэкIэ абы и ныбжьэгъухэм гузавэу щIадзащ.
- Мыбы зы бэлыхь гуэр къыщымыщIамэ, ди ны-
бжьэгъум алъандэрэ къынихусыжын хуеящ. Мыдэ, псын-
щIэу, Мыплъэф и къуэ Плъэрей, къытхуэлъагъу ди Жэрей.
Сыт къыщыщIар?
Плъэрей джабэм дэжри щыплъэм къэгуоуащ:
- Мыдэ" псынщIэу фыкъэхъейI
Зэныбжьэгъу гупыр джабэм зэрыдэхащ.
- Тхьэ фхуэсIуэнщ, Мыжэф и къуэ Жэрей пырхъы-
жу, кхъуэщын цIыкIур и пIэщхьагъыу жейуэ зэры-
щылъымкIэ. Уэ, унэжын, и гъуэгум и зэхуэдитIыр фы
зыжь цIыкIум къикIужагъэххэщI

Маргъын и шабзэр къызыпщIэхидзщ, триубыдэри кхъуэщын цIыкIур Жэрей и щхьэм къыщIиудащ. Жэрей къыщылъэтри къаплъэмэ, фызыжь цIыкIур щыIэжкъым. ПсынщIэу еIэбэкIщ, и лъакъуэ лъэныкъуэр и кIэпкъым къыдипхъуэтри къелъэдэкъэуащ. Зыздрачам деж къэсы-жыным зы теуэгъуэ нэхъ имыIэжу, фызыжь цIыкIум къыкIэлъысщ, ириудри и зы лъакъуэ лъэныкъуэм теувэщ, адрейр дришейри зэгуитхъри, гъуэгубгъу зырызым IуиутIыпщхьэжри къэсыжащ.
Хъаныр къэуIэбжьауэ щIалэ къэсыжам бгъэдыхьэри еупщIащ:
- Дэнэ щыIэ уи гьусар?
- Уи уд фызыжь цIыкIур тIу хъуауэ, гъуэгубгъу зы-
рызыр яубыдауэ къожэрI - ириутIышцащ жэуапыр
къэгубжьауэ.
Арати, хъаным къахуигъэува къалэниблри апхуэдэу ягъэзэщIащ. Къызэригъэгугъар ицIыхужыххэти, хъаным унафэ ищIащ: "ТешанкIибл зэщIэфщIэ, фIыгъуэу ярыхуэ-нури ифлъхьэ, сипхъури ивгъэтIысхьи мы щIалэм хуэф-шэ. И ныбжьэгъухэми ягу ирихьыну хъыджэбз зырыз яхущIывгъуж ".
Маргъын къиукIыу Маргъыныш зи шабзэ нэсым хъаным и пхъур къишащ, и ныбжьэгъухэми апхуэдэу щхьэгъусэ зырыз хэплъыхьауэ къахухихри, къуажэу тIы-сыжащ. Мыгувэу Маргъын зыфIащыжа щIалэм и анэ-адэ-эи къишэжри, зыбжанэрэ псэуауэ, езыр гъуэлъыпIэм ялъу, и фызыр и лъапагъымкIэ къыщыту, щIалэ пэлъху цIыкIур и гущIыIум щигъэджэгуу, блэкIар игу къэкIыж->и щIэдыхьэшхыкIащ.
- Сыт ущIэдыхьэшхыр? - къыгурыIуакъым зэ щхьэ-
сIэ и фызым. Мыдрейм пщIыхьэпIэу илъэгъуауэ щытар
криIэжащ, и псалъэхэми мыпхуэдэу щIигъужащ:

- А Мазэр уэращ, вагъуэ згъэджэгуу слъэгъуар мы
сабийращ.
- АтIэ, Маргьыныш деж мастэ щыпезгъэлъари
сэращ. Уэ, шIалэ бланэм уи хъыбар зэхэсхат, сыпIущIэмэ
сфIэфIт. Сэ сцIыхут, уэр мыхъумэ си мастэр зыми къызэ-
рыхуфIэмыудынурI - зиумысыжащ и щхьэгьусэ тхьэIу-
худми.
Зэщхьэгъусэхэмрэ я ныбжьэгъу щIалэхэмрэ куэдрэ насыпыфIэу псэуауэ ягъэхъыбарыж зылъэгъуа цIыхухэм. Зи фIэщ мыхъур ирежьи Маргъын кърегъуэт, абы ирекIи Маргъыныш ирекIуэ.

   

 

Используются технологии uCoz